Адыги - Новости Адыгеи, история, культура и традиции » Статьи » Культура » Адыгэм и тхыдэр гъуджэу къызэрыщ тхылъ

Адыгэм и тхыдэр гъуджэу къызэрыщ тхылъ

Адыгэм и тхыдэр гъуджэу къызэрыщ тхылъ
Культура
admin
Фото: Адыги.RU
15:38, 29 февраль 2020
7 544
0
«Хэкум сызэрыщымыпсэур дагъуэщ, ауэ абы къикIкъым псэупIэ схуэхъуа хамэ къэралми сыщымыадыгэфыну»,—жеIэ гукIи псэкIи къызыхэкIа лъэпкъым хуэпэж Бацэжь Мухьэмэд-Хъер. Кавказ зауэ ужьым адэжь щIыналъэр зыбгынэн къызыхудэхуа адыгэхэм Мухьэмэд-Хъер и адэшхуэ Амдулэхь, абы и адэ Мамсыр яхэхуащ. Хэхэс гъащIэр натIэ зыхуэхъуа дэтхэнэми и къекIуэкIыкIар гуауэкIэ зэрыгъэнщIам хуэдэу Бацэжьхэ нэщIэбжьэ мащIэкъым зыпхырыкIар. Иорданым куэшу, абдеж я лъэ щагъэувыхункIи гугъуехь мащIэкъым япэщIэкIари. Ауэ сыт хуэдэ лъэпощхьэпо хуэмызами зэрыадыгэр, Хэку зэраIэр зы дакъикъи зыщагъэгъупщакъым. Мухьэжыру адыгэ хэкум икIахэм къащIэхъуа щIэблэри а гъуэгуращ зытрагъэувар. Бацэжь Мухьэмэд-Хъер и адэ Алий къыхилъхьа гъэсэныгъэм адыгэ хабзэм, нэмысым увыпIэ ин щиубыдащ. Ар къэтэджащ зэрыадыгэм къару мыкIуэщIыжрэ гушхуэныгъэ инрэ къыхилъхьэу. ©
«Хэкум сызэрыщымыпсэур дагъуэщ, ауэ абы къикIкъым псэупIэ схуэхъуа хамэ къэралми сыщымыадыгэфыну»,—жеIэ гукIи псэкIи къызыхэкIа лъэпкъым хуэпэж Бацэжь Мухьэмэд-Хъер. Кавказ зауэ ужьым адэжь щIыналъэр зыбгынэн къызыхудэхуа адыгэхэм Мухьэмэд-Хъер и адэшхуэ Амдулэхь, абы и адэ Мамсыр яхэхуащ. Хэхэс гъащIэр натIэ зыхуэхъуа дэтхэнэми и къекIуэкIыкIар гуауэкIэ зэрыгъэнщIам хуэдэу Бацэжьхэ нэщIэбжьэ мащIэкъым зыпхырыкIар. Иорданым куэшу, абдеж я лъэ щагъэувыхункIи гугъуехь мащIэкъым япэщIэкIари. Ауэ сыт хуэдэ лъэпощхьэпо хуэмызами зэрыадыгэр, Хэку зэраIэр зы дакъикъи зыщагъэгъупщакъым. Мухьэжыру адыгэ хэкум икIахэм къащIэхъуа щIэблэри а гъуэгуращ зытрагъэувар.
Бацэжь Мухьэмэд-Хъер и адэ Алий къыхилъхьа гъэсэныгъэм адыгэ хабзэм, нэмысым увыпIэ ин щиубыдащ. Ар къэтэджащ зэрыадыгэм къару мыкIуэщIыжрэ гушхуэныгъэ инрэ къыхилъхьэу.
Езыр Иорданым щыцIэрыIуэ цIыху щыпкъэхэм хабжэ. Нэхъ гъунэгъуу нэIуасэ фыхуэтщIынщи, Мухьэмэд-Хъер щIэныгъэ куу зиIэ, профессор пажэщ. Ар Амман дэт университетым и спорт факультетым и унафэщIу щытащ, спортымкIэ ищхьэ нагъыщэ зиIэщ. Мухьэмэд-Хъер Иорданым спортымрэ туризмэмрэкIэ, нэхъ иужьыIуэкIэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ я министру тетащ. Куэдрэ СССР-ми УФ-ми къэкIуащ. Зэрынарылъагъущи хамэ хэгъуэгум ехъулIэныгъэ куэд щызыIэригъэхьащ, Иордан къэрал Iуэхум и псалъэ хилъхьэфу къекIуэкIащ.

АтIэ, апхуэдиз зэфIэкI зиIэ лIым адэкIи и щхьэ Iуэхур игъэкIуатэу псэуфынут, ауэ дэнэ щымыIами, сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами Мухьэмэд-Хъер и лъэпкъым пэIэщIэ зыхуищIакъым. Уеблэмэ, абы хуэлажьэу, сыткIи и сэбэп иригъэкIыу ирехьэкI. Ар Амман дэт адыгэбзэ зыщадж еджапIэм и факультетым и унафэщIщ, Иорданым къыщызэрагъэпэща «Нарт» дунейпсо адыгэ телевиденэм я пашэхэм языхэзщ. Псом я щхьэжыращи, Мухьэмэд-Хъер иджыблагъэ дунейм къытригъэхьащ хьэрыпыбзэкIэ къыдигъэкIа, томийуэ зэхэт «Адыгэ щIэнгъуазэр» (энциклопедиер).
Хэкум къыщыкIуа зэманым зытедгъахуэри Мухьэмэд-Хъер зыIудгъэщIащ икIи нэхъ убгъуауэ тедгъэпсэлъыхьащ хамэ къэралым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмкIи, хэкурыс адыгэхэмкIи уасэшхуэ зиIэ тхылъым.
Илъэс 40-м и кIуэцIкIэ Адыгэ щIэнгъуазэм хигъэхьэну тхыгъэхэр зэхуихьэсащ, а псори зэгъэуIуным, Iыхьэ-Iыхьэурэ зэхэгъэувэным илъэситху фIихьащ. Къару, зэман тригъэкIуэдам къыпэкIуа, нобэ ди пащхьэ кърилъхьа томийуэ зэхэт щIэнгъуазэр щыплъагъукIэ гур хохъуэ.
—Дауэми, абы и зэхэгъэувэныр, тхыгъэ дыхьэнухэр зэхуэгъэсыныр Iуэху псынщIэтэкъым, —зыхудогъазэ щIэныгъуазэр зи IэдакъэщIэкIым.
—Тхылъыр гъэхьэзырыным гугъуехьыу пыщIар зыхэсщIакъым, апхуэдизымкIэ сфIэкъабылу, гукIи псэкIи сыхэпщIауэ абы селэжьати. Адыгэм теухуауэ, бзэ тIощI хуэдизкIэ къыдэкIа тхылъ мини 4-рэ 500-рэ къэзгъэсэбэпащ. Абыхэм ящыщу адыгэм итхауэ щэм тхуращ къыхэкIар. Адрейхэр зи IэдакъэщIэкIыр хамэ лъэпкъым къыхэкIауэ, ди лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр зыфIэхьэлэмэту къыттетхыхьахэращ. Япэ дыдэу адыгэм и гугъу зыщIар Геродотщ. Абы щыщIэздзэри лIыщIыгъуэ лIыщIыгъуэкIэрэ сыкъехыурэ, къытхужаIаIэмэ зэхуэсхьэсыурэ щIэнгъуазэм хэзгъэхьэнухэр згъэхьэзыращ, —жеIэ Мухьэмэд-Хъер.
ЩIэныгъэлIым илъэс бжыгъэкIэ къихута псори зэщIикъуэжри, ар томий хъу щIэнгъуазэм екIуу иригъэзэгъащ.
Адыгэхэм я пасэрей тхыдэм щыщIидзэри япэ томым иригъэхьащ лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, абы и къежьапIэр. Хэкужьым археологие и лъэныкъуэкIэ къыщахутахэм, хабзэр а зэманым къызэрежьам, нобэ ар зэрызэхъуэкIам, лIыщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм адыгэм дину зэрихьам, щIэныгъэу иIам щытепсэлъэхьащ.
ЕтIуанэ томым ущрехьэлIэ адыгэр зыхуэIэрыхуэу щыта IэщIагъэ телъыджэхэм, ди адэжьхэм ябгъэдэлъа щIэныгъэ куум и щапхъэхэм. Тхылъым щызэпкъырыхащ нарт IуэрыIуатэм, къыхэгъэщащ ар нэгъуэщI лъэпкъхэм къызэращта щIыкIэри.
Ещанэ тхылъым итщ Урыс-Кавказ зауэм ехьэлIауэ езым зэхуихьэсыжа дэфтэрхэр. Апхуэдэу урехьэлIэ урысыбзэкIэ, французыбзэкIэ, инджылыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, нэгъуэщIыбзэхэмкIи къигъуэтыжа тхыгъэ къызэрымыкIуэхэр. Абыхэм къаIуатэ адыгэр лъэрыщIыкI зыщIа зауэ бзаджэм и пэжыпIэр.
—Адыгэм я къекIуэкIыкIар къэсхутэхун наIуэ схуэхъуари вжесIэнщ. Ди адэжьхэр езыхэр зауэу щымыта, атIэ къезауэхэу щытащ. Ди хэку къихьэу, къатеуэмэ язэуэжт, нэхъ Iэщэ ихакIэ зыми пыкъуэкIакъым,—жеIэ Мухьэмэд-Хъер.
КъыкIэлъыкIуэ томхэм къыщегъэлъагъуэ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я къекIуэкIыкIар, абыхэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэр. Иорданым и тхыдэм, 1932 гъэм абы къыщызэрагъэпэща Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэми топсэлъэхь. Иордан пащтэхьыгъуэр увыным адыгэхэм хэлъхьэныгъэу хуащIами тхуакIуэр убгъуауэ къытоувыIэ.



Адыгэхэм цIыху цивилизацэм хуащIа хэлъхьэныгъэ иныр, ди щэнхабзэкIэ, лъэпкъ фащэкIэ, IэпщIэлъэпщIагъэкIэ утыкум дызэрихьар «Адыгэ щIэнгъуазэм» IупщIу щызэпкъырыхащ. Абы итщ къытхэкIа тхакIуэ, композитор, уэрэджыIэ, Олимп чемпион цIэрыIуэхэм ятеухуа тхыгъэ купщIафIэхэр.
Иужьрей томыр теухуащ Уэсмэн къэралыгъуэм япэу Iэпхъуа адыгэхэм ящыщу щIэныгъэшхуэ зэзыгъэгъуэтахэмрэ дзэм къулыкъу ин щызыIыгъахэмрэ. Абы IыхьэфI щыхухихащ Мысырымрэ Сириемрэ тепщэныгъэ щызыIыгъа адыгэ мамлюкхэм.
«Адыгэ щIэнгъуазэр» дунейм къызэрытехьар Мухьэмэд-Хъер дежкIэ япэ лъэбакъуэщ. АдэкIэ томийуэ зэхэт тхылъ телъыджэр адыгэбзэкIи, инджылыбзэкIи, тыркубзэкIи, урысыбзэкIи къыдигъэкIын и мурадщ. А мурадыфIыр щIэныгъэрылажьэм Хэкум кърихьащ, Iуэхум теубыдауэ иужь ихьэн, къыдэIэпыкъун зэ щхьэкIэ къыхукъуэмыкIами игу игъэкIуэдкъым.
КъыдигъэкIа щIэнгъуазэмкIэ лъэпкъым и тхыдэр къызэщIикъуэжыфауэ къилъытэкъым Мухьэмэд-Хъер, абы и гугъэщ а лэжьыгъэм адэкIи пищэу тхылъым и том бжыгъэм хигъэхъуэн.
Шэч хэлъкъым, Бацэжь Мухьэмэд-Хъер хуэдэ цIыху пэжхэм, адыгэгу ин зыкIуэцIылъхэм ди лъэпкъыр щыхупIэм къызэрыщхьэщашыр. Абы къыдигъэкIа тхылъым адыгэм и къекIуэкIыкIам, и хабзэхэм, и бегъэ псори гъуджэм хуэдэу къощ. Догугъэ а лэжьыгъэшхуэм хэкужьым гулъытэ щыхуащIу, ар адыгэбзэкIэ ди пащхьэ къралъхьэну.
«Адыгэ щIэнгъуазэр» Мухьэмэд-Хъер яхуигъэфэщащ Хэкум щыIэ Хасэхэм я унафэщIхэм, Адыгэ Республикэм и Президентым.


© Адыги.RU
Ctrl
Enter
Заметили ошЫбку
Выделите текст и нажмите Ctrl+Enter
Обсудить (0)